Nabízeno v

Kredity

PERFORMING ARTISTS
Bashir Khatsouk
Bashir Khatsouk
Performer
COMPOSITION & LYRICS
Bashir Khatsouk
Bashir Khatsouk
Songwriter

Texty

Трамэ и къуэ Къарэбэтыр и тхьэусыхэ
Ежьу:
Уэй раурира рира ооой раурира
Ой рауэрира рира уэрирай раурира
Оой раурира оо рира уей
Ээээй зиунагъуэрэ,
Уэ дыкъалъху гуыщэри,
Уэ дыкIуэдыжа мыгъуи.
Къэхьырмэн гуыщэм Iуащхьэр къеубэрэ,
Шыбзыбэ гуыщэмэ пхъащхьэр пагъэщыр.
Ар езыри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
ХьэтIохъущокъуэхэкIэ уэр щIалэ хужь пагуи.
Мэсейуэрэ си хьэзыр тIощI гуыщэр
Фоч гъуэз гуыщэмэ къысхуегъэуфIыцIыр.
Ерыжыбурэ си фоч фIыцIэжь гуыщэри, уэй дуней,
Джаур сотнэ гуыщэмэ, уэй, ятызоунащIэр.
АдрыщI гуыщэмэ сызэпырыплъымэ,
НыбжьыщIэхэр щызэбгырашыр.
Ар фочыпэхэр щызэхашиякIэрэ, уэй дуней,
Уэркъ щауэ гуыщэхэр, уэй, псэемыблэжти
Шым и фащэм шыбгыр къеуыхуэ,
Зеуыхуэри мэзым щIохьэжтэкъэ.
Ар езы гуыщэри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
Трамэ и къуэкIэ уэ Къарэбэтырщи
Зи шыпхъу хьэдэр зи зэпэбаш гуыщэ,
Зи къуэш хьэдэр зи щIыбырыхь жи.
Ар езы гуыщэри хэтхэ ящыщ жыпIэмэ, уэй дуней,
Трамэ и къуэкIэ уэ Къарэбэтырщ жи
Беслъэней гуыщэмэ фи щIалэгъуалэмэ,
А махуэмэ къытхузырошхыр.
Къэбэрдейхэмэ фи пщыжь гъэшха гуыщэхэр, уэй дуней,
Iуащхьэ къуагъ гуыщэмэ, уэй, къытхуыкъуэвгъэкI жи.
Къэсейхэ ФатIимэт гуащэм жи
ШэджагъуакIуэ дэ къытхуимыкIукъэ.
Лъэсу кIуэнкIэрэ дызыщIэмыхьэжыри, уэй дуней,
НартбейхэкIэрэ уэ Гуащэхъуырейщ жи.
Written by: Bashir Khatsouk
instagramSharePathic_arrow_out