I successi di Astemir Apanasov
Crediti
PERFORMING ARTISTS
Astemir Apanasov
Performer
COMPOSITION & LYRICS
Валерия Апанасова
Songwriter
Testi
Ди адыгэ лъэпкъым гуауэу
Илъэгъуар пхуэмыгъэвын,
ХэкIуэдащ цIыхушхуэ зауэм
МелуанкIэ, пхуэмыбжын.
Къэнэжар дымащIэ дыдэщ,
Дунейпсом зэбгырыпхъащ.
Сэ сошынэр дыкIуэдыну,
ЗыщIызыфхуэзгъазэр арщ.
Си гур бампIэм зэгуеудыр,
Согупсысыр махуэ къэс,
Сыт дызэрыхъуар адыгэр –
Япэм жедгъэIау черкес.
Ди адыгэ лъэпкъым, дауикI,
Сытым щыгъуи диIащ лIыфI,
Дуней псом дыщыцIэрыIуэу
Дгъэлъыхъуэнут дэр нэхъыфI.
Ауэ иджырей зэманым
ЗэIыхьауэ сфIощIыр куэд,
Нэмыс, хабзэ ямыщIэжу,
Жьгъей хъуауэ, мес, мэкIуэд.
Лъэпкъыр узыншэну хуеймэ,
И фIыр ирегъэлъэпIэж.
ДэIэпыкъуи, щапхъэ щIыи,
Утыку къилъхьэ псалъэ пэж.
Уэ адыгэу зыплъытэжмэ
Напэ уиIэмэ – улIыфIщ,
Лъэпкъым и пщIэр лъагэу пIыгъым Уогъэбагъуэр абы ифI.
Адыгэ хабзэр, псынэпсу къабзэр Дывмыгъэутхъуу дывгъэIыгъыжи,
Дэ ди анэбзэуэ адыгэбзэр
IэфIуэ псомикI тIурывгъэлъыжи, Мис абы щыгъуэщ адыгэ лъэпкъым И Iуэхур дахэу зыщиужьынур,
Мис абы щыгъуэщ щыжыпIэ хъунур Адыгэр зэикI мыкIуэдыжыну.
Written by: Валерия Апанасова