Lyrics

Губгъуэр зи унэу Зек1уэр зи хабзэу Шыщхьэмыгъазэу Уеуэм къоуэжыу Джалэм тэджыжыу Щ1эпхъуэм зэуэк1ыжу Къуажэр имыбгынэу Унэр игъэунэу Анэр игъэлъап1эу Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Адыгэ лъэпкъыр псэу Адыгэ хабзэр псэу Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Губгъуэ тхьэрыкъуэу 1уэхутхьэбзэрыщ1эу Емылыджыр Куэпкък1э зэришэу Л1ыхъум я нэхъ хахуэр Игъэныбжьэгъууэ Пщащэм я нэхъ дахэр и Дэджэгуэгъууэ Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Адыгэ лъэпкъыр псэу Адыгэ хабзэр псэу Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Бийм зэ щ1эк1иймэ И гур хуи1уихыу Бийм зэ щ1эгуоумэ Т1оу игъэгъуэгыу Хьет жыригъа1эу Батэр игъэшыу Зэш тригъэун щхьэк1э Шэфийм дэджэгууэ Жылэр игъэгушхуэу Зэшхэр иущийуэ Щауэгъу зи бащэу Уэнк1э емынэжьу Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Нэхъыжьым псалъэр ей Нэхъыщ1эм гъуэгур ей Адыгэ щ1алэ уей Ди щ1алэгъуалэ уей Адыгэ лъэпкъыр псэу Адыгэ хабзэр псэу
Writer(s): Tembulat Kerefov Lyrics powered by www.musixmatch.com
instagramSharePathic_arrow_out