音樂影片

音樂影片

積分

演出藝人
Черим Нахушев
Черим Нахушев
演出者
詞曲
Черим Нахушев
Черим Нахушев
詞曲創作
Бетал Иванов
作曲

歌詞

Мы сигу къилъыхъур
Нэм имылъагъурэ
Псэгъу сырилъыхъуу
Пщlыхьэпlэу слъагъурэ
Насып щlэхъуэпсурэ
Щlалэгъуэр изомыгъэх
Сигур зэхэпхырэ
Псэм сыкъыхихтэмэ
Хэдэ уагъэщlырэ
Сэ сыкъыхэпхтэмэ
Ды насыпыфlэурэ
Фlэрафlэу дыздэпсэунт
Нэр зыщыджэлурэ
Зи теплъэр дахэ
Шэфэл дэхащэри
Къызыритауэрэ
Насып зэкlужкlэрэ
Ди Тхьэшхуэр
Зыхуэупсэн
Уэрщ си насыпыр
Псэр зыlэщlэслъхьэр
Хьэтыр уиlэхэмэ
Зыщомыдзейуэрэ
Уэгу дыздибгъыхьэмэ
Хъуэпсэгъуэу дыздэпсэунт
Нэр зыгъэlэсурэ
Гур зыщlэхъуэпсурэ
Псэр зыхуэкъабзэурэ
Бзэр зыдэlэфlымэ
Фlы лъагъуныгъэщи
Зэгъусэу фlыщlэ хуэдгъэщl
Хуэдгъэщl ди гъащlэщи
Къыздэдгъэщlэнущи
Насып къэдгъэщlымэ
И лъабжьэ хъунущи
Ди жьыщхьэ махуэмэ
И лъащlэр щlэншэ ирехъу
Сигум къихъуэпсыри
Си псэ хэлъхьэжурэ
Жэщым махуэщlэр
Къысхутришэжурэ
Уэрыншэ гъащlэмэ
Си гущlэр ныщlелъэсыкl
Кlэух зимыlэри
Фlы лъагъуныгъэщи
Щам сыхагъадэми
Уэращ къахэсхыри
Шэчыгъуей гъащlэмэ
Нэхъ щlэху уэ сыкъыхэш.
Written by: Бетал Иванов, Черим Нахушев
instagramSharePathic_arrow_out

Loading...